Загрузка страницы

Чэрты Исмел и гъыбзэ

Диныр динщи, Мэк1уэдыж ар жызы1ахэр Дэнэ к1уэжа?
Динк1э пашэхэр, Зэхуахуысри
ГПУ-м щаукъуеящ.

1эдэм пц1ыплърэ, Мэзан плъыжьрэ Чэбанылъыри ирафащ.
Къалэдэсхэмэ, Зыф1цыхуыжтэмэ
Ибэ жылэу фыкъэнай.

Гуэбал и къуэурэ,Дэ ди Хьуда,
Чэрты и къуэурэ ди Исмел.
Дунеишхуэри, Къутэжыхук1эрэ
Фытхэтынуи дигугъай.

Абрэдж диц1эурэ, Бгым дыздисым
Уанэгу щхьэнтэри ди п1ащхьагъщ.
П1ащхьагъ щабэр, Зигу пымык1ыри
Азылыхьым бгъэдэк1ащ.

Школ жа1эу, Ирагъащ1ами
Розэ дахэхэр щагъэк1ащ.
Мэжджыт лъап1эурэ,
Едгъэщ1ами дэ Шыпсыранэр ик1эжащ.

Хьэк1ырэ и къуэмэ, Шы гъуэ дахэр,
Чэтманыщхьэм ныщегъэджэгу.
Чэрты и къуэри, Къывдэджэгуурэ
Коммунистхэр фиухай.

Чэрты и къуэурэ, Ди Исмелым,
к1эрахъуэшэр нырегъэлъэл,
Пулеметымэ, къилъэлъа мыгъуэм
Хьэк1ырэ и къуэр 1уигъэк1ащ.

Видео Чэрты Исмел и гъыбзэ канала Kantemir Kertiev
Показать
Комментарии отсутствуют
Введите заголовок:

Введите адрес ссылки:

Введите адрес видео с YouTube:

Зарегистрируйтесь или войдите с
Информация о видео
8 ноября 2016 г. 10:50:39
00:02:07
Яндекс.Метрика