Хьэжрэт Адыгэхэр - Hajret Çerkesleri - Унэгъэс Зэмрэт / Хьэгъундыкъуэй Къуажэ
МОЛЭ VİDEO CANLI AYIN 64 / МОЛЭ Video занщIэу нэтын 64
Karaçay Çerkesk' Hağundıkuey köyünden Hajret Adıgeleri üzerine söyleşi..
ХЬЭГЪУНДЫКЪУЕЙ
Къуажэм и тхыдэм ириплъахэм зэратхымкӀэ, Хьэгъундыкъуей Хьэжрэту щыхыхьэжар 1829 гъэм иужькӀэщ. ТӀуащӀэм щисым, къуажэм дэсахэр зэхуэсыжу зы жылэ зэрыӀыгъыу зэфӀэувэжу щыхуежьар 1833 гъэм хуозэ. Иджырей Хьэжрэт Хьэгъундыкъуейр зэхэзышэжар, ар здэщысым къезышэлӀар Хьэгъундокъуэ Кушыкущ. Кушыку и адэр Хьэгъундокъуэ Умарщ.
Унагъуэ щэщӀым нызэрыхьэсу Хьэгъундыкъуейр иджы Къэбэрдейм ит Къармэхьэблэр тӀэкӀу нэхъ пасэхэм здэщысам деж щыпсэуащ. Ар Гум псыхъуэхэм дежщ зыхуэзэр. Хьэгъудыкъуейм щыщу Хьэжрэту емыжьэжар БалъкъкӀэ къызэпрыкӀри тӀууэ заугуэшащ: зы гупыр иджырей Ашэбейм хэсщ, нобэр къыздэсым ХьэгъундыкъуейкӀэ еджэу, адрей гупри бгылъэмкӀэ нэхъ дэкӀри, иджырей Къармэхьэблэм и зы Ӏыхьэ хъуащ. Абыхэми я тӀысыпӀэм нобэр къыздэсым зэреджрэи аращ – Хьэгъундыкъуей жаӀэ.
Хьэжрэтым кӀуа Хьэгъундыкъуейри хьэблищу зэхэсу щытащ: Хьэгъундыкъуей цӀыкӀу (е Хьэгъундокъуэхьэблэ), Шыдхьэблэ, Хьэгъундыкъуеишхуэ (е Чэмалхьэблэ). Чэмалыр Хьэгъундокъуэхэ ящыщщ, къуажэпщти, и цӀэр хьэблэм фӀащыжауэ аращ.
Хьэгъундокъуэхьэблэм (е Хьэгъундыкъуей цӀыкӀум) и лъэпкъхэм ящыщщ: Темырдащ, Пхъэшх, Тхьэгъэпсэу, Шыбзыхъуэ.
Шыдхьэблэм и лъэпкъхэм ящыщщ: Махуэхэ, ЛӀымахуэхэ, Хьэжмэстафэхэ.
Хьэгъундыкъуеишхуэм (е Чэмалхьэблэм) и лъэпкъхэм ящыщщ: Гуэгушхэ, Ажийхэ, Унэжьхэ, Шорэхэ, Аслъэныкъуэхэ.
Нобэ мы лъэпкъхэри, иужькӀэ нэгъуэщӀыпӀэ къиӀэпхъукӀыу къахэтӀысхьэжа унагъуэ куэдхэри зы къуажэу, зы жылэу зэхэсу мэпсэу.
Советыр къыщыкӀуэм, къуажэм и цӀэр, Хьэгъундыкъуейр, трахри, «Берычэт» фӀащауэ щытащ. Ар къыщыхъуар 1929 гъэрщ. ИлъсэитӀ нэхъ дэмыкӀыу, 1931 гъэм, ари трахыжри, Али-Бердыкъуэ цӀэр фӀащащ. Къуажэм зи цӀэ фӀаща Бердыкъуэ Алий революционеру, мэкъумэшыщӀэхэм я телъхьэу щыта цӀыхущ. Нобэр къыздэсым къэрал тхылъымпӀэхэмкӀэ Хьэгъундыкъуейм зэреджэри аращ – Али-Бердыкъуэщ.
Совет лъэхъэнэм Хьэгъундыкъуейм унагъуэ зыкъом къыхагъэкӀри, зы къуажэу ягъэтӀысащ. Абы зэреджэр Бэралъкъыщ. Абыи нэхъапэхэм Хьэгъундыкъуей цӀыкӀукӀэ еджэу щытащ.
Къуажэм къыдэкӀа цӀыху цӀэрыӀуэхэм ящыщщ Бемырзэ Мухьэдин, ЛӀыуней Абдулыхь, Нэхущ Мухьэмэд, Пхъэш МуӀэед, нэгъуэщӀ куэдхэри.
Хьэгъундыкъуейр усакӀуэ-тхакӀуэ нэхъыбэ къызыдэкӀа адыгэ къуажэхэм ящыщщ.
Видео Хьэжрэт Адыгэхэр - Hajret Çerkesleri - Унэгъэс Зэмрэт / Хьэгъундыкъуэй Къуажэ канала Молэ Video /Mole Levent KAPLAN / Адыгэбзэ Нэтынхэр

Показать
Комментарии отсутствуют
Информация о видео
14 декабря 2020 г. 2:34:54
02:58:42
Другие видео канала
![мэлыхъуэм и уэрэд - çerkes müziği "çobanın şarkısı"](https://i.ytimg.com/vi/EsiVQ26mNpo/default.jpg)
![Карачай и Черкас на Урале: тюрко-черкесские имя и история возвращаются](https://i.ytimg.com/vi/rXbbUSupaRo/default.jpg)
![Adıgey Cumhurbaşkanı Kumpıl Murat'ın Diaspora Ziyareti 3.GÜN](https://i.ytimg.com/vi/9Fr5YV7Q8aw/default.jpg)
![Къуныжь Хьэждал / ХАЖДАЛ КУНИЖЕВ - Адиюх (Адииху)](https://i.ytimg.com/vi/JtgItP7ZeRY/default.jpg)
![⚡️ВЫ БЕДНЫЕ И НИЩИЕ! ГОНЧАРЕНКО ОБРАТИЛСЯ К РУССКИМ ПРЯМО ВО ВРЕМЯ ЗАСЕДАНИЯ ПО НАВАЛЬНОМУ](https://i.ytimg.com/vi/zPiq5U9-tqs/default.jpg)
![Интервью с Мурадином Рахаевым](https://i.ytimg.com/vi/uSexxq9yxVg/default.jpg)
![Лабэ Дэсхэм я Гъыбзэ - Хьэжрэт Адыгэхэр - Hajret Adıgeleri](https://i.ytimg.com/vi/5iZBnP8XN5Q/default.jpg)
![АДЫГЭБЗЭ TİYATRO - 3](https://i.ytimg.com/vi/9BQjPEH5PKE/default.jpg)
![Adıgey Cumhurbaşkanı Kumpıl Murat'ın Diaspora Ziyareti 2](https://i.ytimg.com/vi/UhvCZ1Ut0Zc/default.jpg)
![New concert hall of Turkish presidential orchestra opens on Dec 3](https://i.ytimg.com/vi/7k6vkC3VfgA/default.jpg)
![Abhazya Yaşlılar Korosu Nartaa - Ансамбль абхазских долгожителей "Нартаа"](https://i.ytimg.com/vi/q6gAuaJyb6s/default.jpg)
![Ф1ЫЛЪАГЪУНЫГЪЭ - КИЛАР ХЬАСАН](https://i.ytimg.com/vi/HE3KHnLxc8I/default.jpg)
![Адыгэ уэрэд | Джэдыр кӏэцӏым, джэдэщым уожэ (псалъэхэр щӏэтхауэ)](https://i.ytimg.com/vi/b8DMI3Exe20/default.jpg)
![Ответ Аскера Хаширова на заявление Магомеда Будаева о первовосходителе на Эльбрус.](https://i.ytimg.com/vi/j0X14phd8Dg/default.jpg)
![Circassian Music of the Caucasus](https://i.ytimg.com/vi/YyuX9mU3Sps/default.jpg)
![Адыги (кабардинцы, черкесы, адыгейцы, шапсуги). История адыгов-черкесов. Хатты, Синдика, Черкесия](https://i.ytimg.com/vi/7VoGM5wlynY/default.jpg)
![Ахърэт-Адыгэбзэ Театр Çerkesce Tiyatro Ahret](https://i.ytimg.com/vi/tqj8cum9rJA/default.jpg)
![Къэбэрдей хьэжрэтхэм я тхьэусыхэ](https://i.ytimg.com/vi/yXbZN4lVSQY/default.jpg)
![Бемырзэ Мухьэдин - Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ](https://i.ytimg.com/vi/w4a0_LR2lDo/default.jpg)
![Обычный шовинизм и предложение решения этой проблемы](https://i.ytimg.com/vi/2dpqh4FqV44/default.jpg)