Загрузка страницы

хьэтхым и къуэкӀэ ди мыхьэмэт - Нэхущ Чэрим / Адыгэ Уэрэдыжь

Хьэтх КъуэкIас щыпсэуар куэдкIэ нэхъапэщ, Хьэтх Мыхьэмэт щыпсэуар нэхъ иужьщ.
Адыгэхэм ди тхакIуэшхуэ КIэрашэ Тембот итха «Шапсыгъхэм япхъу» тхылъ цIыкIум Мыхьэмэт и образыр дэгъуэу, дахэу щитхыжащ. Абы зэритхымкIэ, Мыхьэмэт адыгэлI нэсщ, хьэл-щэн зэпIэзэрыт зиIэ лIыхъужь гущIэгъулыщ. КIэрашэм зэритхымкIэ, 1812 гъэм Францым я пащтыхьу щыта Бонапарт Наполеон Урысейм къыщытеуам щыгъуэ екIуэкIа зауэм Мыхьэмэт хэтащ. ПэжынкIи хъунщ, сыту жыпIэмэ, а зауэм урысыдзэм хэту адыгэ шу гуп Наполеон и дзэм езэуащ, Мыхьэмэт абы яхэтагъэнщ.
Аращи, мы зи гугъу тщIыну Iуэхугъуэр къыщыхъуар а зауэм къелу Мыхьэмэт и адэ хэкужьым къигъэзэжа нэужьщ.
Уэрэдыр щхьэгъусэм иусын хуей щIэхъуам тражыIыхь хъыбарыр мыращ:
Зи гугъу тщIа зауэшхуэм хэтауэ къигъэзэжа нэужь, езым игу ирихь, фIыуэ илъэгъуа хъыджэбз къишащ, лъыхъури фызышэшхуэу. Апхуэдэу дэ щIыжытIэр, пасэм щыгъуэ къыхуашэ мыхъумэ езы щауэм кърагъашэртэкъым.
Нысэр къыхэзыхыр щауэм и адэ къуэш, е и Iыхьлы нэхъыжьт. Iуэхур хъыджэбзым деж щынэсам дежи, зэрыщытари апхуэдэут. ДэкIуэ щыIэтэкъым, щыIэр - ират, иращэ, яхь - арат. Ауэ Мыхьэмэт и адэр псэужтэкъыми хъыджэбзыр къыхухэзыхар и анэрт. Унагъуэм лIыр щащыщхьэмытыжым деж, лIым и пIэ иувэр унагъуэм и унагуащэрти, Мыхьэмэт и анэм и унафэм сыткIи едэIуэн хуей хъуащ. Гуащэжьым и къуэм къыхухиха цIыхубзыр икIи дахэу, икIи зэкIэлъыкIуэу щытти, Мыхьэмэтым лъагъуныгъэкIэ къишащ. Езы Мыхьэмэти лIы бжьыфIэу, цIыху зэтесу, цIэрыIуэу щытти, цIыхубзыр къыдэкIуащ.
ЗэщхьэгъуситIыр зэнэзэпсэу зэдэпсэуурэ бын зытIущи зэдагъуэтащ. Зэрахабзэти, унагъуэр зэдаIуэр, зи унафэм щIэтыр Мыхьэмэт и анэ гуащэжьырт. Къуэр сыт хуэдизкIэ цIэрыIуэу, хыхьэхэкI, иIэу, лIыфIу щыт пэтми, анэм и унафэм щIэтыныр а зэманым хабзэт, ар емыкIутэкъым. Мыхьэмэт зы шыпхъу цIыкIу закъуэ фIэкIа къуэши иIэтэкъым.
А зэманым зэрыхабзэти, Мыхьэмэт езыр зэхэзекIуэт, а зауэшхуэм къыдыхэта и ныбжьэгъухэм якIэлъыкIуэт, илъагъурт, абыхэм я деж щыхьэщIэрт. Ахэр мыхъуххэми, ныбжьэгъу и куэдт, абыхэм якIэлъыкIуэн хуей хъурт. Пасэм щыгъуэ лIыр унэм ис зэпыту щытыныр емыкIут. ЛIыр зэхэзекIуэмэ, хыхьэхэкI иIэмэ, абы щыгъуэт ар къыщацIыхури, и цIэ фIыкIэ щыжаIэри. А хыхьэхэкI зиIэ лIыхэрат къуажэхэр зыхъумэу, дэхуэхахэм дэIэпыкъуу, захуащIэу къэзыкIухьхэр. Абыхэм гуп кърашэкIырт, я къуажэхэр, я лъэпкъхэр дыгъуакIуэхэм ирамыгъэшх, ирамыгъэхьу щахъумэу. Мис апхуэдэ зауэлI-зекуIэлIт Хьэтх Мыхьэмэт.
Хъыбарым зэрыжиIэмкIэ, Мыхьэмэтыр ежьауэ къэту, махуэ гуэрым, и шыпхъумрэ и щхьэгъусэмрэ псыхьэ кIуащ, гуэгуэнкIэ псы къахьыну. Псым щыIухьэ дыдэм, адрей лъэныкъуэмкIэ зы шу псым къыхуэкIуэу къалъэгъуащ. А шур Мыхьэмэтыр арт.
- Мо шу цIыкIур а къызэрыкIуэм хуэдэу къакIуэрэ къэсрэ, мы псы къиуам, икIыпIэ мылъыхъуэу къапкIэрэ къызэпрыкIмэ, сыту нэхъ къэпщтэнт? - жиIэри пщыпхъур и нысэм еупщIащ, и дэлъху Мыхьэмэтыр а шу цIыкIу къакIуэр зэрыарар къимыцIыхужу. Нысэр плъэри и щхьэгъусэ Мыхьэмэтыр къицIыхужащ.
- Ар икIыпIи къимылъыхъуэу, а къызэрыкIуэм хуэдэу къакIуэурэ къыхэпкIэнурэ къызэпрыкIынущ. Сэ сощIэ абы и лIыгъэр здынэсыр. Щхьэгъусэу нэхъ къэсщтэнт! - жиIащ нысэм.
Абы игугъащ и шыпхъум и дэлъхур къицIыхужауэ, щIеупщIыр арауэ.
Абы хэту Мыхьэмэтыр а къызэрыкIуэм хуэдэу къакIуэурэ, нэри-пэри зыхьу псы къиуам къыхэпкIэри, къызэпрыкIащ. Я дежкIэ къыдэмыхьэжу нэгъуэщI щIыпIэкIэ иунэтIащ. ЦIыхубзитIыми къахуеплъэкIакъым, и Iуэху здэщыIэм кIуащ.
МыдэкIэ цIыхубзитIым я гуэгуэнхэр я дамэм трагъэувэри, я гупсысэ щхьэхуэ зырызым иринэщхъейуэ, къежьэжащ.
ЛIы мыцIыхум щхьэкIэ «щхьэгъусэу нэхъ къэсщтэнт, сэ сощIэ абы и лIыгъэр» нысэм зэрыжиIар пщыпхъум щхьэжэ щыхъуауэ, зэгуэпарэ мыпсэлъэжу, нысэм и щхьэгъусэр я дежкIэ къэмыкIуэжу, нэгъуэщI щIыпIэкIэ дидзыхыу зэрыкIуам иринэщхъейуэ псыр къахьри къэкIуэжащ.
Хъыджэбзыр и анэм деж щIэлъадэри бзэгу хуихьыжащ:
- Шу мыцIыху гъуэгурыкIуэм щхьэкIэ «сэ сощIэ абы и лIыгъэр, щхьэгъусэу нэхъ къэсщтэнт» жиIащ ди нысэм, - жиIэри. «Зи шыпхъу цIыкIур зыхуэбзэгуфIэ, шуIэгъэфIыр зыфIагъэкIуэд» уэрэдым щIыжиIэр аращ.

Видео хьэтхым и къуэкӀэ ди мыхьэмэт - Нэхущ Чэрим / Адыгэ Уэрэдыжь канала Молэ Video /Mole Levent KAPLAN / Адыгэбзэ Нэтынхэр
Показать
Комментарии отсутствуют
Введите заголовок:

Введите адрес ссылки:

Введите адрес видео с YouTube:

Зарегистрируйтесь или войдите с
Информация о видео
15 декабря 2023 г. 23:28:56
00:03:34
Другие видео канала
Ankara Çerkes Derneği-Kayseri Kafkas Derneği Gösterisi 19.03.2022 -  3 Elbruz/Aşemez ; Badin/MazeAnkara Çerkes Derneği-Kayseri Kafkas Derneği Gösterisi 19.03.2022 - 3 Elbruz/Aşemez ; Badin/MazeKAYSERİ KAFKAS DERNEĞİ KÜLTÜR GECESİ / Къайсэр Кавказ Хасэм и Консерт 4KAYSERİ KAFKAS DERNEĞİ KÜLTÜR GECESİ / Къайсэр Кавказ Хасэм и Консерт 4Хьэрэдурэ Динэ Консерт3 / Дина Харадурова- Anavatan Gezimden Bir Kesit / Хэку махуэхэм щыщу пычыгъуэХьэрэдурэ Динэ Консерт3 / Дина Харадурова- Anavatan Gezimden Bir Kesit / Хэку махуэхэм щыщу пычыгъуэХАБЕЗ ТВ 4 - АДЫГЭБЗЭ МАКЪАМЭХЭМРЭ КЪАФЭХЭР - circassian music and danceХАБЕЗ ТВ 4 - АДЫГЭБЗЭ МАКЪАМЭХЭМРЭ КЪАФЭХЭР - circassian music and danceBalıkesir İzlenimleri 2 / Балыкесир Къалэм КъыдокӀухьBalıkesir İzlenimleri 2 / Балыкесир Къалэм КъыдокӀухьMazenef Mızıka GrubuMazenef Mızıka GrubuAnkara Çerkes Derneği Yıl Sonu Gösterisi 7 /Анкъара Черкэс Хасэм и Зыхуэсышхуэ/Kapanış Düğünü -джэгуAnkara Çerkes Derneği Yıl Sonu Gösterisi 7 /Анкъара Черкэс Хасэм и Зыхуэсышхуэ/Kapanış Düğünü -джэгуCegu'suz GünlerCegu'suz GünlerХьэрэдурэ Динэ - Дина Харадурова / НэкъуэлэнХьэрэдурэ Динэ - Дина Харадурова / НэкъуэлэнNalçik-Ankara ÖzNuhoğlu Turizm ile Dönüş Yolu / Нальчик-Анкара Аутобос Фирма Ознухоглу ТуризмNalçik-Ankara ÖzNuhoğlu Turizm ile Dönüş Yolu / Нальчик-Анкара Аутобос Фирма Ознухоглу ТуризмАДЫГЭБЗЭ ГУШЫIЭ - АНСЫКЪУЭ ФАТИХЬ Ansıko Fatih Çerkesce SkeçАДЫГЭБЗЭ ГУШЫIЭ - АНСЫКЪУЭ ФАТИХЬ Ansıko Fatih Çerkesce SkeçХьэрэдурэ Динэ - Харадурова ДинаХьэрэдурэ Динэ - Харадурова ДинаKayseri Kafkas Derneği Gecesi 4Kayseri Kafkas Derneği Gecesi 4DİASPORA ÇERKESLERİ - 3 / ХЭХЭС АДЫГЭХЭР - 3 / Ürdün Çerkesleri-Иордание АдыгэхэрDİASPORA ÇERKESLERİ - 3 / ХЭХЭС АДЫГЭХЭР - 3 / Ürdün Çerkesleri-Иордание Адыгэхэр1 Mart Havalimanları Güvenlik Memurları Günü - Anıtkabir Tören / Esenboğa Hvlm. Kokteyl1 Mart Havalimanları Güvenlik Memurları Günü - Anıtkabir Tören / Esenboğa Hvlm. KokteylAnavatan Gezimde Hatokşıkuey Köyünde Akrabalarımla -1 Хьэтокъущыкъуей Къуажэ Молэхэм СэблагъэщAnavatan Gezimde Hatokşıkuey Köyünde Akrabalarımla -1 Хьэтокъущыкъуей Къуажэ Молэхэм СэблагъэщBir Yaşam Öyküsü - 2.Dünya Savaşında Nazilerden Çerkeslerce Kurtarılan Bir  Yahudinin Vatan ÖzlemiBir Yaşam Öyküsü - 2.Dünya Savaşında Nazilerden Çerkeslerce Kurtarılan Bir Yahudinin Vatan ÖzlemiÇERKES MARŞI / ЧЭРКЭС ГИМН / Circassian AnthemÇERKES MARŞI / ЧЭРКЭС ГИМН / Circassian Anthem@europe_adige / Avrupa'da Bir Grup Çerkesin Geleneksel Kış Tatil Organizasyonu@europe_adige / Avrupa'da Bir Grup Çerkesin Geleneksel Kış Tatil OrganizasyonuХьэрэдурэ Динэ Консерт5 / Дина Харадурова- Anavatan Gezimden Bir Kesit / Хэку махуэхэм щыщу пычыгъуэХьэрэдурэ Динэ Консерт5 / Дина Харадурова- Anavatan Gezimden Bir Kesit / Хэку махуэхэм щыщу пычыгъуэМэкъуашэ Сэркъан Хэхэс Макъамэхэр Serkan Yavuz Çerkes EzgiМэкъуашэ Сэркъан Хэхэс Макъамэхэр Serkan Yavuz Çerkes Ezgi
Яндекс.Метрика